Даниил
7 Сановникхэр, пашэхэр, сатрапхэр, пащтыхьым и чэнджэщэгъухэр икІи увыпІэ лъагэ зиІэ нэхъыжьхэр зэчэнджэщащ пащтыхь унафэ къыдагъэкІыну: зыгуэр, хэтуи ирехъу ар, махуэ щэщІым и кІуэцІкІэ тхьэ гуэрым е цІыху гуэрым уэ нэмыщІ, ди пащтыхь, лъэІукІэ зыхуигъазэмэ, ар аслъэнхэр зэрыс мащэм идзэн хуейщ 8 Иджы, уэ пащтыхь, мы унафэр къыдэгъэкІи, Іэ щІэдз, ар зырамыхъуэкІыжын щхьэкІэ, мидянхэмрэ персхэмрэ я хабзэр зэпхъуэкІ зэрымыхъунум тету.“ 9 Абы щыгъуэ пащтыхь Да́рий а унафэм Іэ щІидзащ 10 Даниил апхуэдэ унафэ къыдэкІауэ къызэрищІэу и унэм кІуэжащ. Ищхьэ пэшым Ерусалим лъэныкъуэмкІэ гъэза и щхьэгъубжэхэр Іухат. Ар адэкІи, махуэ къэс щэ лъэгуажьэмыщхьэкІэ Алыхьым елъэІут, щытхъу хуищІт, сыт щыгъуи япэм зэрищІу щытам хуэдэу 26 Мыр си унафэщ: си пащтыхьыгъуэм и къуапэ дэтхэнэми щыпсэухэр Данил и Алыхьым щышынэу, кІэзызу и пащхьэ ирырет, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Алыхь псэущ икІи игъащІэкІэ щыІэнущ. Абы и пащтыхьыгъуэри кІуэдыжынукъым, и тепщэныгъэми зэи кІэ иІэнукъым.